БЛАГОЧИННЭР КЪЫЩЫПСЭЛЪАЩ ПАТРИОТ IУЭХУМ

23.04.2024
Просмотры: 774

ЕссэнтIыгу къалэм Губиным и цIэр зезыхьэ и  школ № 5-м Невский Александр и фэеплъым деж, патриот Iуэхум щызэхуэсащ кадетхэр, нэгъуэщI классхэм я гъэсэнхэр, егъэджакIуэхэр, щоджэнхэр.

Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэр я деж нигъэсащ икIи ягу къигъэкIыжащ щихъым зэрихьа лIыгъэр.

Стефанрэ школым и унафэщI Гусев Владимиррэ школым и еджакIуэхэм я гъусэу удз гъэгъахэр тралъхьащ фэеплъым, къэралым мыхьэнэ зиIэ и тхыдэ Iуэхугъуэр ягу къагъэкIыжу.

 

774