Къэзакъ псапащIэхэр СВО-м ягъэкIуащ

23.10.2023
Просмотры: 1766

Мы махуэхэм Горячеводскэ къуажэм и къэзакъ псапащIэ 28-м Горячеводскэ 
зэгухьэныгъэм и атаман Савченкэ Владимир я пашэу СВО-м ягъэкIуащ. «Терек» гупым 
хыхьэнухэм ящыщщ Пятигорск дзэм къулыкъу щызыщIэхэм жыджэру  ядэIэпыкъухэр, 
гуманитар конвойхэр къызэзыгъэпэщхэр. Зы илъэсым къриубыдэу, атаманым 
зэрыжиIэмкIэ, къэзакъ псапащIэ минрэ ныкъуэм щIигъу кIуащ, «Терек» гупым щыщ сэлэт 
щэ ныкъуэм къэрал дамыгъэхэр къыхуагъэфэщащ, къэзакъи 135-м УФ-м 
ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и дамыгъэхэр къратащ.
Тхьэм и Анэм и Успения къэзакъ члисэм и утым деж псапащIэхэм зыщыхуагъэзащ 
Пятигорск къалэм и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий, къэрал думэм и депутатхэм, къэзакъ 
зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм. 
Пятигорск епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн 
нэхъыжь Фещенкэ Стефан зауэлIхэм ялъигъэIэсащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я 
архиепископ Феофилакт и псалъэхэр. Щоджэным ягу къигъэкIыжащ къэзакъхэр 
зэпымыууэ япэ зэритыр, псоми пашэ зэрахуэхъур, абыхэм Хэкум къулыкъу щыхуащIэкIэ 
Тхьэр къадэIэпыкъунуи ехъуэхъуащ.
Щоджэнхэм члисэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ икIи къэзакъхэм гъуэгур 
ирагъэлъэгъуащ.

1766
Фотогалерея