Архиепископ Феофилакт: «Телъыджэр фи фIэщ хъууэ фызгъэсэнщ»

09.01.2024
Просмотры: 1039

          2024 гъэм щIышылэм и 8-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Пятигорск къалэм опереттэмкIэ и театрымрэ Черкесск къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ Хъуромэ теплъэгъуэ утыку къыщрихьащ. Щихънагъыр сабийхэм ехъуэхъуащ, тхьэмахуэ школхэм, сабий унэхэмрэ интернатхэмрэ я гъэсэнхэр, СВО-м зи бын щыIэхэр я пашэу.

          «Телъыджэ къэвгъэхъуу фызгъэсэн? – яжриIащ архиепископ Феофилакт сабийхэм, - Ар зыхуэщIэнур сабийхэрщ. Фи адэр е анэр нэщхъейуэ флъагъумэ, фыбгъэдыхьи щэхуу жефIэ фIыуэ зэрыфлъагъур. Абы я гукъыдэжыр къызэрыфIэтам гу лъыфтэнущ занщIэу. Аращ телъыджэ хъужыр». Пятигорск псейм сабй 700 зэхуишэсащ. Черкесск – 300.

 

 

1039
Фотогалерея