Бакинской епархиер пIалъэкIэ зезыгъакIуэ, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Бакинскэ епархием и зэIущIэр. Щоджэн нэхъыщхьэм доклад ищIащ, 2023 гъэм кърикIуахэм теухуауэ.
БлэкIа илъэсым Бакинскэ епархием къыщыхъуа Iуэхугъуэхэм я гугъу здищIым, архиепископ Феофилакт къыхигъэщащ Ленкорань къалэм и члисэр зэIузэпэщ зэращIар, чристэн тхьэлъэIур азербайджаныбзэкIэ зэрызэрадзэкIар, Хъуромэ, IутIыж концертхэр къызэрызэрагъэпэщар, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIуныр къызэгнъэпэщынымкIэ къудамэм зэфIигъэкIахэр.
Пастыр нэхъыщхьэм гулъытэ ин хуищIащ епархиер къэрал властым и органхэм, дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зэрыдэлажьэм, Епархием и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ епархием и клирикхэмрэ къэралым и жылагъуэ-щэнхабзэ гъащIэм зэрыхэтым. Докладым щытепсэлъыхьащ епархием и къудамэхэмрэ комиссэмрэ я лэжьыгъэхэм. Щихънагъым жэуап иритащ зэIущIэм хэтхэм я упщIэхэм.
А махуэ дыдэм Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт IущIащ Азербайджан республикэм и Къэрал комитетым и унафэщIым дин щIэныгъэмкIэ и къуэдзэ Нагиев Сахиб. ЗэIущIэм лъэныкъуэхэр щытепсэлъыхьащ зыгъэгузавэ упщIэхэм.