ПРЕДГОРНЭ РАЙОНЫМ И КЪЭЗАКЪХЭР ЗЭХУЭСЫМ ЩЫЗЭХУЭЗАЩ

21.02.2024
Просмотры: 836

2024 гъэм мазаем и 17-м ЕссэнтIыгу станицэм щекIуэкIащ Предгорнэ районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и зэхуэс. Тхьэ елъэIуа нэужь, зэхуэсыр ирагъэжьащ СВО-м хэкIуэда къэзакъхэм я фэеплъу.

ЗэфIагъэкIахэм теухуауэ къэпсэлъащ къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Тополь Андрей. КыкIэлъыкIуэу къэпщытэныгъэ-ревизэ комиссэм и унафэщIыр къытеувыIащ зэфIагъэкIахэм.

ЕссэнтIыгу члисэ округым и благочиннэм къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Букарев Андрей къэзакъхэм ехъуэхъуащ зэхуэсыр къызэраухам папщIэ икIи ехъуэхъуащ я мурадхэр къехъулIэну. Щоджэным игъэнэхуащ къэзакъ зэгухьэныгъэм ирата машинэр, гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэ мызэ-мытIэу зыхуащIар.

Андрей къэзакъхэм ехъуэхъуащ фIэщхъуныгъэ, лIыгъэ яIэну.

 

836