2024 гъэм гъатхэпэм и 6-м КъШР-м и Жылагъуэ палатэм зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы хэтахэр тепсэлъыхьащ властым и органхэмрэ лъэпкъ-щэнхабзэ, дин зэгухьэныгъэхэм лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр хъумэным и IуэхукIэ зэрыдэлажьэм.
«Ди къэралым и лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр, зэгурыIуэр хъумэныр къэралымрэ республикэмрэ зытелажьэ унэтIыныгъэхэм ящыщщ. Жылагъуэ палатэм, гъэзэщIакIуэ властым и органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри щIыгъуу, дин IуэхущIапIэхэм куэд ялэжьащ Къэрэшей-Шэрджэсым мамырыгъэрэ зэгурыIуэрэ илъын папщIэ», - къыхигъэщащ КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ.
Зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ властым и органхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ, дин зэгухьэныгъэхэм лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэмрэ лъапIэныгъэхэр хъумэнымрэ теухуауэ зэфIагъэкIахэм, мыкоммерцэ IуэхущIапIэхэм щэнхабзэр яхъумэн, лъэпкъхэм ядэIэпыкъун папщIэ зэрызыщIагъакъуэм.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъШР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, Пятигорск епархием Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэсым щиIэ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр. Щоджэным жиIащ щIэблэм я гъэсэныгъэм лъапIэныгъэхэр я лъабжьэ щыхъум и мыхьэнэр.
Зэхыхьэм хэтхэр къытеувыIащ властым и органхэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ щIэблэм я гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIыр. Унагъуэм и лъапIэныгъэхэр зэрахъумэм, нэчыхьыр къутэжыныр зэрагъэмащIэм.
КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ .я Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Хъубий Марат фIыщIэ яхуищIащ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэмрэ дин IуэхущIапIэхэмрэ, жылагъуэм щапхъэфI зэрырагъэлъагъум папщIэ.