Христос и Тхьэмахуэ нэхумрэ Радоницэмрэ я пэ къихуэу, ЕссэнтIыгу къалэ-админитрацэм члисэм и унафэщIхэм я зэхыхьэ щекIуэкIащ. Нэхъыщхьэу зытепсэлыъхьар махуэшхуэхэм ирихьэлIэу шынагъуэншагъэр къызэрызэрагъэпэщынырщ. ЗэIущIэм кърикIуахэр зэхэплъхьэжмэ, члисэм екIуалIэхэр набдзэгубдзаплъэу щытынырщ. Полицэм и лэжьакIуэхэмрэ къэзакъхэмрэ члисэхэм я нэIэ тетынущ.