УНАФЭЩIЫР КЪЫЩЫПСЭЛЪАЩ СОВЕТЫМ

08.05.2024
Просмотры: 597

Къэрэшей-Шэрджэсым и Жылагъуэ палатэм и утым щекIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэсым сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и Уполномоченнэм и деж щыIэ адэхэм я Советым и зи чэзу зэIущIэ. Советым хэтхэм фIэхъускIэ захуигъэзащ Къэрэшей-Шэрджэсым сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и Уполномоченнэ Алэкъей Марие.

ЗэIущIэм хэтхэм къагъэлъэгъуащ илъэсым и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр, лэжьакIуэ гупхэр къызэрагъэпэщащ. Советым хэтхэм къаIэтащ егъэджэныгъэ гуэдзэнхэм зэрызрагъэужьынум, спортым сабийхэр зэрыхашэнум, жылагъуэ гъащIэм зэрыдрагъэхьэхынум, егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм пщIэ хуащIу зэрагъэсэнум, нэгъуэщIхэми.

Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр ягу къигъэкIыжащ унагъуэм гъэсэныгъэ Iуэхур щрагъэжьэн зэрыхуейр, егъэджэныгъэ I уэхущIапIэхэм псори я пщэ ирамылъхьэу.

Къэрэшей-Шэрджэсым сабийм и хуитыныгъэмкIэ Уполномоченнэм и деж щыIэ адэхэм я Советыр къызэрагъэпэщащ чэнджэщакIуэ органу, адэ-анэхэмрэ гъэзэщIакIуэ властымрэ зэрыщIэн папщIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым унагъуэр гъэбыдэнымкIэ, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр хъума хъунымкIэ, адэхэм гъэсэныгъэм теухуа я жэуаплыныгъэм хагъэхъуэн папщIэ.

 

597