2024 гъэм накъыгъэм и 28-м, Ставрополь крайм и муфтий Рахимов Мухьэмэд-хьэжы иригъэблагъэри, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыщыпсэлъащ «Основные направления формирования патриотизма, гражданственности и служения Отечеству в современной России» зэхуэсым. Зэхыхьэм зэхуишэсащ щIыналъэм ис муслъымэнхэр, щIэныгъэлIхэр, студентхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, властым и лIыкIуэхэр.
Пастыр нэхъыщхьэм гуапэу зыхуигъэзащ муфтийм икIи къыхигъэщащ чристэнхэмрэ муслъымэнхэмрэ гуапэу зэIущIэхэм зэрыщызэпсалъэр, псапащIэ Iуэхухэм зэгъусэу зэрыхэтыр.
«ЩэнхабзэкIэ, бзэкIэ, хабзэкIэ дызэмыщхьми, Хэку лъагъуныгъэм дызэкъуегъэувэ», - жиIащ архиепископ Феофилакт.
Щихънагъым къыхигъэщащ зауэлIхэмрэ зауэм зи щхьэ къыхэзыхахэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъур, щIэблэр Хэку лъагъуныгъэм зэрыщIапIыкIыр, дзэ Iуэху хэхам щыIэ лIыхъужьхэм я Iуэхухэм зэрыщIапIыкIыр, члисэ музейхэм абы теухуа выставкэхэр зэрыщагъэувым, щоджэнхэри абыхэм зэрытепсэлъыхьыр. Щоджэн нэхъыщхьэм къыхуриджащ СВО-м къикIыжхэм ядэIэпыкъуну. Абы папщIэ епархием и «Целебный Ессентуки» иппотерапие центрым и лэжьыгъэр зэрыригъажьэр.
ЗэIущIэм хэтхэр къытеувыIащ щIыналъэм лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр зэрыщрагъэфIэкIуэнум.