Пятигорск епархием и щоджэнхэмрэ мамыр цIыхухэмрэ япэ махуэм Александро-Свирскэ къулъшырыфым щыIащ.
Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископыр я пашэу, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIунухэм яIущIащ къулъшырыфым и унафэщI игумен Антоний (Гутник). ХьэщIэхэр Тхьэ щелъэIуащ щихъ Свирский Александр и къарум щыщ Iыхьэхэм деж икIи щихъым и къарум я щхьэр хуагъэщхъащ.
ТхьэлъэIу нэужьым Антоний хьэщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл къулъшырыфым къызэрыкIуам, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым къикIа хьэщIэхэр тепсэлъыхьащ Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым и чристэн зэгухьэныгъэхэмрэ къулъшырыфхэмрэ я гъащIэм.
Успенскэ Сяндемскэ цIыхубз къулъшырыфым щIыналъэ лъапIэм кIуахэм яунэтIащ.
Къулъшырыфым и игумение Варварэ (Ивановэ) къулъшырыфым щыIэ шыпхъухэм хьэщIэхэм зрагъэплъыхьащ, абы и тхыдэм хутепсэлыъхьащ, Свирский Александр и гъэсэн Сяндемский Афанасий къызэригъэпэщам. ХьэщIэхэм Iэнэ къыхуащтащ.
Архиепископ Феофилакт шыпхъухэм яхутепсэлыъхьащ Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым шыпхъухэм къулъшырыфым я гъащIэр зэрыщекIуэкIым, Успенскэ Бештаурскэ Второафонскэ къулъшырыфым.