ЕССЭНТIЫГУ КЪАЛЭМ И КЪЭЗАН ЧЛИСЭМ ЩАГЪЭЛЪЭПIАЩ ПАЩТЫХЬ ШЭНТИУЭ МАХУЭШХУЭР

22.07.2024
Просмотры: 857

Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и фэеплъ махуэм, ЕссэнтIыгу къалэм и Къэзан члисэм щагъэлъэпIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр.

ТхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу щиIэ члисэм и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Шмыликэ Олег я пашэу. Литургие нэужьым члисэм и хъуреягъым зэгъусэ тхьэлъэу щрагъэкIуэкIащ.

Стефан фIэщхъуныгъэ зиIэхэм ялъигъэIэсащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт икIи Къэзан члисэм и екIуэлIапIэм кIуэхэм ехъуэхъуащ. Апхуэдэу фIыщIэ псалъэхэм щIигъуащ члисэм и унафэщIым.

ТхьэлъэIу нэужьым абы хэтахэр Къэзан станицэм и къэзакъхэм ягъэхьэзыра Iэнэм ирагъэблэгъащ.

 

857
Фотогалерея