«МАРУХА 2024» ЩIАЛЭГЪУАЛЭ ЗЭХУЭСЫМ И ЛЭЖЬЫГЪЭР ИРИГЪЭЖЬАЩ

22.07.2024
Просмотры: 998

Маруха къуажэм и Къэзан члисэм пэмыжыжьэу щрагъэжьащ Пятигорск епархием и «Маруха-2024» щIалэгъуалэ зэхуэсыр.

2024 гъэм зэхуэсым хэтщ щIалэ, хъыджэбз 60. Абы щыщу 16-р Луганскэ, Донецкэ областхэм къикIащ. Краснодар, Ставропоь крайхэм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщхэри хэтщ абы. НыбжьыщIэ зыбжанэ Ирмино къалэм и интернатым къикIащ. Зэхуэсым хэтхэм илъэс 14-16 я ныбжьщ.

ТхьэмахуитIрэ ныкъуэрэ дэкIа нэужь зэхыхьэм хэтхэр Маруха аузым дэкIынущ, Къэрэшей-Шэрджэсым и щIыналъэхэм зыхагъэгъуэзэну, пащтыхь шэнтиуэр Архыз Ищхъэрэ къалэм и Ильинскэ члисэм щагъэлъэпIэну.

Зэхуэсым и лэжьыгъэм спорт, нэгузыужь программэхэри хохьэ, ныбжьэгъухэр зрагъэцIыху. Зэхыхьэр Тхьэм и анэм и Къэзан тхьэнапэм ирихьэлIэу къызэIуахащ.

ТхьэлъэIу литургием зэхуэсым хэтхэм зыщыхагъэгъуэзащ Христос и щэхухэм, Маруха къуажэм и члисэм и унафэщI иеромонах Александр (Емельянов) и гъусэу иригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений.

 

998
Фотогалерея