ЕССЭНТIЫГУ КЪАЛЭМ И КЪЭЗАКЪ ЧЛИСЭМ ТХЬЭРЫIУЭ ЩАЩIАЩ

23.07.2024
Просмотры: 809

ЕссэнтIыгу къалэм и Никольскэ члисэм тхьэрыIуэ щащIащ ЕссэнтIыгу къалэм и зэгухьэныгъэм (ТВКО) щыщхэм. Зэхыхьэр тхьэлъэIу уэрэдкIэ ирагъэжьащ. Ар жиIащ Пятигорск епархием къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан.

Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым къэзакъхэм тхьэрыIуэ ящIащ Хэкум хуэпэжын, чристэн фIэщхъуныгъэм емыпцIыжын папщIэ, Инджылым, къэзакъ къудамэм и ныпым ба хуащIурэ.

ИужькIэ щоджэным къэзакъ зэгухьэныгъэм хэтхэм захуигъэзащ, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископым и арэзыныгъэр ялъигъэIэсащ икIи я нэхъыжьхэм я хабзэхэм пащэну, фIэщхъуныгъэмрэ лъагъуныгъэмкIэ щапхъэ хъуну захуигъэзащ.

809
Фотогалерея