ПщIэ зыхуэтщI муфтийхэ, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу центрым хэтхэ!
КЦМСК-м и Президиумым и УнафэщI, Къэрэшей-Шэрджэсым и муфтий Бердиев Исмэхьил-хьэжы дунейм зэрехыжамкIэ сыфхуогузавэ.
Илъэс куэдкIэ Исмэхьил-хьэжы хуэлэжьащ Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэхуаку мамырыгъэрэ зэгурыIуэрэ илъыным.
Исмэхьил-хьэжы Кавказыр фIыуэ илъагъуу, Тхьэр и фIэщ хъууэ щытащ.
А лъагъуныгъэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ, акъылыфIагъэм абы и щIэблэм, и гъэсэнхэм зэрыпащэнур си фIэщ мэхъу. Дунейм ехыжам и лэжьыгъэм пыщэныр абы и фэеплъщ.
Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.