ЩОДЖЭНЫР ХЫХЬАЩ ЖЫЛАГЪУЭ КIЭЛЪЫПЛЪАКIУЭХЭМ Я КОМИССЭМ

01.10.2024
Просмотры: 796

2024 гъэм фокIадэм и 24-м Къэрэшей-Шэрджэсым и Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм я комиссэм и зэIущIэ зэхэтащ тезыр щрагъэпшын IуэхущIапIэм цIыхум и хуитыныгъэр къыщызэпамыудыным теухуауэ.

Апхуэдэ комиссэхэм я къалэн нэхъыщхьэр тезыр щрагъэпшын IуэхущIапIэхэм (полицэхэм я къудамэхэм щыщIэдзауэ тезыр щрагъэпшын колониехэр къызэщIиубыдэу) хабзэр къыщызэпаудхэр зэхэгъэкIынырщ, ахэр гъэзэкIуэжыным теухуа чэнджэщхэр етынырщ.

ОНК КЧР-м хэтхэр щIыналъэм и унафэщIхэм, прокуртурэм, МВД-м, ОФСИН-м, КъШР-м цIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэм пыщIэныгъэ быдэ хуаIэщ. Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм зэхалъхьэжащ жылагъуэм зэрыдэлажьэм теухуахэр, адэкIи зэрызэдэлэжьэнур къыхагъэщу.

КъШР-м и Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм цIыхуий хэтщ. ОНК-м и комиссэм хагъэхьащ Черкесск къалэм и Никольскэ соборым и щоджэн Гурин Александр.

796