ДТП-М ХЭКIУЭДАХЭМ ТХЬЭ ЩЫХУЕЛЪЭIУАЩ ЕПАРХИЕМ И ЧЛИСЭХЭМ

19.11.2024
Просмотры: 712

Железноводск и Покров члисэм гъуэгу къэхъугъэхэм хэкIуэдахэм я фэеплъым, Госавтоинспецкэм и лэжьакIуэхэм, «Центр молодежных проектов», «Движения первых» зэгухьэныгъэхэм я гъусэу, гъуэгум фэбжь хэзыхахэм Тхьэ хуелъэIуащ. Гъуэгу тет дэтхэнэми узыншагъэ яIэну Тхьэ елъэIуащ. ФIэщхъуныгъэ зиIэхэр къыхураджащ гъуэгу хабзэхэр къызэпамыудыну.

ДТП-м хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм, Новопавловск къалэм и Владимирскэ члисэм хэкIуэдахэм папщIэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ ДПС-м, МЧС-м я лэжьакIуэхэр, дохутырхэр, школ №2-м и 9-нэ классым щIэсхэр. ТхьэлъэIу нэужьым Пятигорск епархием Новопавловскэ округым щиIэ благочиннэ Гордин Александр игъэнэхуащ къулыкъу зэращIэ автомашинэхэр.

 

712
Фотогалерея