ЩИХЪ ИОАНН И ФЭЕПЛЪЫР ЛИТУРГИЕКIЭ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖАЩ

26.11.2024
Просмотры: 702

Тверь митрополием и сайтым къызэрыщыхьамкIэ, щэкIуэгъуэм и 26-м, щихъ Иоанн и фэеплъым, Тверскрэ Кашинскрэ я митрополит Амвросийрэ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакртэ тхьэлъэIу литургие щрагъэкIуэкIащ Тверь къалэм и Спасо-Преображенскэ кафедральнэ соборым.

Пастыр нэхъыщхьэхэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Спасо-Преображенскэ соборым и ключарь Будков Сергий, щоджэн нэхъыжь Цымбал Владимир, къардэн Зорин Иоанн, къардэн нэхъыжь Соколов Роман. ТхьэлъэIум уэрэд щыжиIащ Тверь къалэм и Спасо-Преображенскэ кафедральнэ соборым и хор Чайкинэ Екатеринэ зэригъакIуэм.

 

702
Фотогалерея