Пятигорск и медико-фармацевт институтым и сайтым къызэрыщыхьамкIэ, дунейм щыщыIэ еплъыкIэхэм, хабзэхэм зэрыхущытым, лъэпкъхэм я лъапIэныгъэхэм, нэхъыщхьэращи, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм щытепсэлъыхьащ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилактрэ ПМФИ-м и унафэщI Ахвердовэ Ольгэрэ студентхэм щыIущIам.
ЕджапIэ нэхъыщхьэм ущеджэныр цIыхум и дежкIэ Iуэху нэхъыщхьэхэм зэрыщыщыр жаIащ. Члисэри абы къыгуэхыпIэ зимыIэщ. Аращ епархиемрэ еджапIэ нэхъыщхьэмрэ зэдэлэжьэным щIыпащэри.
Архиепископ Феофилакт и къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр дыгъэгъазэм и 13-м екIуэкIыну яубзыхуащ. Ар теухуауэ щытынущ: «Пятница,13. Стоит ли бояться?» темэм.