ФЭЕПЛЪ КЪЫЩЫЗЭIУАХАЩ СТАНИЦЭМ И ШКОЛЫМ

10.12.2024
Просмотры: 743

Исправнэ станицэм и курыт еджапIэ  Панченкэ Д. И. и цIэр зезыхьэм къыщызэIуахащ фэеплъ блын, зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэда, школыр къэзыухахэм папщIэ. Ахэр Середа Александр, Ниминущий Геннадий, Коломойцев Евгений cымэщ.

Фэеплъыр къыщызэIуахым зэхуэсащ щхьэгъусэхэр, сабийхэр, адэ-анэхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр, еджакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, ирагъэблэгъа хьэщIэхэр. Зэхуэсым хэтхэм захуигъэзащ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщI щоджжэн Якушев Александр. 

743