ЭКСТРЕМИЗМЫМ ЩIАЛЭГЪУАЛЭР ЗЭРЫПЭЩIЭТЫНЫМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ КЪШКЪУ-М

11.12.2024
Просмотры: 715

ЩIалэгъуалэм я деж экстремизмым зэрызыщемыгъэубгъуным, абы узэрыпэщIэтыну Iэмалхэм щытепсэлъыхьащ КъШР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэмрэ печатымкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым и утым щекIуэкIам.

Зэхуэсым и лэжьыгъэр къызэIуихащ КъШКъУ-м и ректор Узденов Таусолтан. КъШР-м и Iэтащхьэм и Администрацэмрэ и Правительствэмрэ я УнафэщIым и япэ къуэдзэ Хъубий Мурат, КъШР-м и муфтий Ерчэн Мухьэммэд-хьэжы, Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэр. Пятигорск епархием и лIыкIуэу абы хэтащ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и комитетым и унафэщI Ганшин Алексей, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэм я къуэдзэхэр.

Зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и щIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Саенкэ Иоанн.

 

715