2024 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м Минводы къалэм и Благовещенскэ члисэм кIуащ Минераловодскэ колледжым и студентхэр.
НыбжьыщIэхэм саугъэтхэр яхьащ. Апхуэдэщ зыхуеину хьэпшыпхэр, ерыскъыпхъэхэр, къабзагъэм теухуа Iэмэпсымэхэр. Члисэм и зэгухьэныгъэм, абы и унафэщI щоджэн Чеканов Борис апхуэдэ гуапагъэм арэзы техъуащ.
Саугъэтхэр ята нэужь унафэщIыр студентхэм яхутепсэлъыхьащ гъащIэм и мыхьэнэм, Члисэм жылагъуэм щиIэ увыпIэм, жэуаплыныгъэ пылъу уи IуэхущIафэхэм уабгъэдыхьэным и мыхьэнэм.
Студентхэр я ехъулIэныгъэхэм тепсэлъыхьащ, я мурадхэми къытеувыIащ. ДяпэкIи апухэдэ зэIущIэхэр колледжми члисэми щрагъэкIуэкIыну зэгурыIуащ. Зэныбжьэгъу хуэдэу зэпсэлъахэщ зэхыхьэм хэтхэр.