Черкесск щызэхэтащ Къэрэшей-Шэрджэс республикэм сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэм и деж щыIэ Адэхэм я Советым. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Пятигорск епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр. Советым хэтахэм зэхалъхьэжащ 2024 гъэм къапэщылъа Iуэхугъуэхэм кърикIуахэр 2025 гъэм я лэжьыгъэр зыхуэдэнуми тепсэлъыхьахэщ.
Къэрэшей-Шэрджэс республикэм Сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэм и деж щыIэ Адэхэм я советым щызочэнджэщ, сабийхэм ятеухуауэ, адэ-анэхэмрэ гъэзэщIакIуэ властымрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и щIыпIэ самоуправленэмрэ унагъуэр гъэбыдэным, лъапIэныгъэхэр хъумэным и IуэхукIэ, адэхэм сабий гъэсэныгъэмкIэ къалъыс жэуаплыныгъэм хагъэхъуэнымкIэ зэдолажьэ.