Черкесск къалэм и Никольскэ соборым Члисэ тхыдэмрэ къэзакъыгъэмкIэ и музейм щекIуэкIащ 2025 гъэм и япэ зыплъыхьыныгъэр. Соборымрэ музеймрэ щыIащ Кърымым къикIа хьэщIэхэр. Щоджэн Гурин Александр туристхэм яригъэлъэгъуащ музейр, мы гъэм илъэс 200 ирикъу Черкесск къалэм и тхыдэм, Кубань къэзакъыдзэмрэ Члисэмрэ я тхыдэм къытеувыIащ, дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм яхутепсэлъыхьащ, хьэпшыпхэм иригъэплъащ. ХьэщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ Баталпашинскэ зэпэщIэтыныгъэр, Баталпашинскэ станицэм и фIэщIыгъэр, нэхъапэIуэкIэ Черкесск къалэм и цIэр зезыхьэу щытар. ХьэщIэхэм зыхагъэгъуэзащ Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ.