КИСЛОВОДСК МАХУЭШХУЭХЭМ ИРИХЬЭЛIЭУ САБИИБЛ КЪЫЩАЛЪХУАЩ

11.01.2025
Просмотры: 760

Тхьэм и Анэм и Соборым и махуэшхуэм Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Никольскэ соборым и щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий къалэм и роддомым щыIащ. Христос и Хъуромэм и члисэ цIыкIум Димитрий махуэшхуэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ къалъхугъащIэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ узыншэн папщIэ.

ИужькIэ щоджэным саугъэтхэр иIыгъыу палатэм кIуащ, дохутырхэмрэ анэхэмрэ ехъуэхъуащ я махуэмкIэ икIи дэтхэнэми IэфIыкIэхэр яритащ. Димитрий анэхэм я сабийхэр ягъэсэнымкIэ Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ.

2025 гъэм махуэшхуэхэм ирихьэлIэу Кисловодск сабиибл къыщIэхъуащ.

 

760