АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ЛИТУРГИЕ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ ГРАЖДАНСКЭ КЪУАЖЭМ И ЧЛИСЭМ

12.01.2025
Просмотры: 757

2025 гъэм щIышылэм и 11-м, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Гражданскэ къуажэм и Успенскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием Минераловодскэ округым и щоджэнхэр я гъусэу благочиннэ щоджэн нэхъыжь Копач Иоаннрэ щоджэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым махуэшхуэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, фIэщхъунгыъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ТхьэлъэIум хэтхэм ехъуэхъуащ тхьэмахуэ школым и екIуэлIапIэм и гъэсэнхэр. Зэхыхьэм хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

 

757
Фотогалерея