ТХЬЭМАХУЭ ШКОЛХЭМ Я ФЕСТИВАЛЬ ПЯТИГОРСК ЩЕКIУЭКIАЩ

13.01.2025
Просмотры: 687

2025 гъэм щIышылэм и 12-м, Христос и Хъуромэ тхьэмахуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъIэуащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.

ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым махуэшхуэр ягъэлъэпIащ.

А махуэ дыдэм Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ центрым архиепископ Фелфилакт Пятигорск благочинием и тхьэмахуэ школхэм я Хъуромэ фестиваль иригъэкIуэкIащ. Илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм итхэм Хъуромэ уэрэдхэр жаIащ, махуэшхуэм теухуа усэ къеджащ, театр теплъэгъуэхэр къагъэлъэгъуащ.

 

687
Фотогалерея