ЩИХЪ СВЯТОГОРЦ ПАИСИЙ ЕССЭНТIЫГУ ЩАГЪЭЛЪЭПIАЩ

14.01.2025
Просмотры: 857

2025 гъэм щIышылэм и 13-м, чристэн щихъ Святогорец Паисий зэрагъэлъапIэрэ илъэси 10 щрикъум, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ щихъ Паисий и цIэр зезыхьэ  Петропавловскэ члисэ комплекс ЕссэнтIыгу къалэм щыIэм и члисэм.

 Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ округхэм я благочиннэхэм, архиерей пщIантIэхэм я унафэщIхэм Пятигорск епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия я пашэу. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр, Кавминводы и алыдж зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым щихъыр игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм ехъуэхъуащ члисэм и ктитор Алексов Павел. Махуэшхуэм зэгухьэныгъэм тыгъэ хуащIащ щихъ Паисий и сумкэр. Махуэшхуэр и кIэр щынэблагъэм абы хэтахэм сурэт зытрагъэхащ.

 

857
Фотогалерея