МАХУЭШХУЭМ ЛИТУРГИЕ ЩРАГЪЭКIУЭКIАЩ ЕПАРХИЕМ И УНЭМ

15.01.2025
Просмотры: 734

2025 гъэм щIышылэм и 14-м, Тхьэр умэхъын щащIа махуэшхуэмрэ, щихъ Василий Иным и фэеплъ махуэмрэ ирихьэлIэу, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и унэм и Иверскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ къардэн Фещенкэ Иоаннрэ Мовчанов Андрейрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ епархием и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

 

734
Фотогалерея