ЧРИСТЭН САБИЙ САДЫМ ЩАГЪЭЛЪЭПIАЩ ХРИСТОС И ХЪУРОМЭР

16.01.2025
Просмотры: 387

Кисловодск къалэм и Крестовоздвиженскэ члисэм къедзауэ лажьэ Тхьэм и Анэм и «Скоропослушница» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ сабий гъэсапIэм екIуалIэхэр, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген, гъэсакIуэхэр, адэ-анэхэр, анэшхуэхэр, адэшхуэхэр щызэхуэсащ махуэшхуэм ирихьэлIэу. ЕгъэджакIуэхэм я гъэсэнхэр я гъусэу театр теплъэгъуэхэр утыку щагъэлъэгъуащ, уэрэд жаIащ, къэфащ. УнафэщIри хэтащ абы. Концерт нэужьым Гермоген махуэшхуэм хэтахэм щихънагъ Феофилакт къыбгъэдэкIыу ехъуэхъуащ, Пятигорск епархием къыбгъэдэкI саугъэтхэри яритащ.

 

387