2025 гъэм щIышылэм и 13-м Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ, Христос и Хъуромэмрэ илъэсыщIэмрэ теухуауэ. Концертым хэтащ къалэ администрацэр, щоджэнхэр, зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ абы щыпсэухэмрэ. Концертым и пэ къихуэу зэхуэсахэм захуигъэзащ къалэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрей. Абы къыхигъэщащ хабзэхэр хъумэным и мыхьэнэр.