УНАФЭЩIЫР ЩЫIАЩ ЦIЫХУХЭМ СОЦИАЛЬНЭ IУЭХУТХЬЭБЗЭХЭР ЩЫХУАЩIЭМ Я НЭIЭ ЩIЭТХЭМ Я ДЕЖ

17.01.2025
Просмотры: 349

2025 гъэм щIышылэм и 14-м Май муниципальнэ щIыналъэм цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ и зэзыгъэуIу центрым и стационарнэ къудамэм щыIащ Александро-Невскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Дмитриенкэ Сергий. Хабзэ дахэ хъуауэ къудамэм щыIэхэм я деж лъагъунлъагъу макIуэ. Иджыпсту абы зи закъуэу псэу нэхъыжь 20 щопсэу, гулъытэ хуэныкъуэу. Сергий узыншагъэ быдэ яIэну, мамырыгъэ щыIэну захуигъэзащ абыхэм икIи IэфIыкIэхэр яритащ.

 

349