МАХУЭШХУЭР КЪАЛЭ ГУЭЛЫМ ДЕЖ ЩРАГЪЭКIУЭКIАЩ

22.01.2025
Просмотры: 988

2025 гъэм щIышылэм и 18-м Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и щоджэнхэм къалэ гуэлыр ягъэнэхуащ. Щоджэнхэм я гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, щIыналъэм щыпсэухэр, зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр. Щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрей къалэдэсхэм ехъуэхъуащ махуэшхуэмкIэ икIи къыхуриджащ Тхьэм лъагъуныгъэ хуаIэр мыкIуэщIыну. Къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ ехъуэхъуащ къалэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Мягких Владимир.

988
Фотогалерея