УНАФЭЩIЫР ТХЬЭР УМЭХЪЫН ЗЭРАЩIАМ ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ САБИЙ ГЪЭСАПIЭМ

22.01.2025
Просмотры: 559

2025 гъэм щIышылэм и 20-м ЕссэнтIыгу къалэм и Троицкэ члисэм и унафэщI щоджэн Букерев Андрей щыIащ «Заряночка» сабий гъэсапIэ №8-м. Сабийхэм ар яхутепсэлъыхьащ Тхьэр умэхъын зэращIам. Андрей къытеувыIащ махуэшхуэм и тхыдэм, абы и мыхьэнэм. НыбжьыщIэхэм щоджэным упщIэхэр иратащ. Щоджэным псоми захуигъэзащ фIэщхъуныгъэ яIэну. Сабий садым и лэжьакIуэхэм Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ, сабийхэр нэхъыжьхэм едэIуэну.

559