КЪШР-М ЩЫЩ ЕГЪЭДЖАКIУЭМ ЗЭПЕУЭМ ЩIЫХЬ ТХЫЛЪ КЪЫЩИХЬАЩ

04.02.2025
Просмотры: 665

«80-летие Великой Победы: память и духовный опыт поколений» XXХIII Международнэ Хъуромэ щIэныгъэ къеджэныгъэхэм хыхьэу егъэджэныгъэмкIэ, гъэсэныгъэмрэ илъэс 20 ныбжьым нэс щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ «За нравственный подвиг учителя» урысейпсо зэпеуэм хэтахэмрэ абы щытекIуахэмрэ я зэхыхьэ зэхэтащ. Абы и лэжьыгъэр и кIэм щынэблагъэм зэпеуэм хэтахэм дамыгъэхэр иратащ.

УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм кадр политикэмкIэ и Департаментым и дипломыр иратащ КъШР-м и Зеленчукскэ районым и Исправнэ станицэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэ Слинькэ Светланэ.

665