ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ ЗЭРЫЗРАГЪЭУЖЬЫНУМ КЪШР-М ЩЫТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ

05.02.2025
Просмотры: 750

Пятигорск епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр хэтащ Урысей Федерацэм егъэджэныгъэм 2040 гъэ пщIондэ зегъэужьыным и стратегием теухуа проектыр жылагъуэр щытепсэлъыхь зэIущIэм.

Пленарнэ Iыхьэм хэтахэр къытеувыIащ егъэджэныгъэм зэрызрагъэужьынум, 2040 гъэ пщIондэ егъэджэныгъэм зэрызрагъэужьынум теухуа Стратегие къызэгъэпэщын зэрыхуейм. Зэхыхьэм хэтахэм я лэжьыгъэм щыпащащ секцэхэм.

Щоджэн Якушев Александр хэтащ «Психологические аспекты образовательного процесса. Воспитание гармонично развитой личности. Отдых и оздоровление» секцэм и лэжьыгъэм.

Зэхыхьэр и кIэм щынэблагъэм КъШР-м къыщыхалъхьащ стратегием и иужьрей еплъыкIэр къыщащтэкIэ хагъэхьэну чэнджэщхэр. Ахэр федеральнэ центрым ягъэхьынущ.

750