ЕДЖАКIУЭХЭМ ДРАГЪЭКIУЭКIА ПСАЛЪЭМАКЪЫР НЭЩIЫМ ТРАУХУАЩ

05.02.2025
Просмотры: 1065

2025 гъэм щIышылэм и 4-м Минводы къалэм и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн Чемодуров Кириллрэ члисэм и щоджэн Огарев Евгенийрэ къалэм и школ №6-м и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм яIущIащ.

ЗэIущIэр траухуащ нэщI Иным, абы фIэщхъуныгъэ зиIэ цIыхум и дежкIэ иIэ мыхьэнэм. Щоджэнхэр тепсэлъыхьащ нэщI Иныр къызэрыунэхуам, абы зэрызыхуагъэхьэзыр тхьэмахуэхэм, тхьэмахуиплI лъапIэм. НыбжьыщIэхэм щоджэнхэм упщIэхэр иратащ.

Щоджэнхэр школым и унафэщI Лисицкая Марие епсэлъащ икIи щоджэнхэмрэ школымрэ зэдэлэжьэну зэгурыIуащ.

1065
Фотогалерея