Суворовскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щIэупщIэныгъэ щрагъэкIуэкIащ «Я люблю жизнь! А ты?» темэмкIэ. Афияныр IэщIыб щIыным хуэунэтIа Iуэхум хэтащ курыт еджапIэхэм я егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ, станицэм Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман. УнафэщIыр еджакIуэхэм епсэлъащ афияным къишэ зэраныгъэхэм теухуауэ.
Зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэр афияныр зэбгрыгъэкIынымрэ ар зэрахьэлIэнымрэ хэмышэным теухуа Iэмалхэм, езы ныбжьыщIэхэри абы зэрыпэщIэтынум и гугъу ящIащ.
ЩIалэгъуалэм я деж щIэупщIэныгъэ щрагъэкIуэкIащ. Дэтхэнэри тепсэлъыхьащ гъащIэр абы и дежкIэ зищIысымрэ ар фIыуэ щIилъагъумрэ.