2025 гъэм мазаем и 9-м тхьэлъэIу литургие нэужьым Иноземцевэ къуажэм и Иоаннэ-Предтеченскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Великородный Павел волонтёрхэм яIущIащ.
ШхапIэм щызэхуэсащ ахэр. УнафэщIым фIыщIэ яхуищIащ и дэIэпыкъуэгъухэм, махуэшхуэхэр къызэгъэпэщынымкIэ, пэшхэр, Iэгъуэблагъуэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ зыкъыщIэзыгъакъуэхэм.
Щоджэным волонтёрхэр и дэIэпыкъуэгъуу екIуэлIапIэм и тхьэмахуэ школым унэтIыныгъэщIэхэм щызрагъэужьыну къыхилъхьащ икIи саугъэтхэр яритащ