МАФIЭСГЪЭУНКIЫФI ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭХЭР ЕКIУЭЛIАПIЭХЭМ КЪЫЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫНУ КЪЫХАЛЪХЬЭ

11.02.2025
Просмотры: 719

Пятигорск къалэм и Покров члисэм зэхыхьэ щекIуэкIащ, Предгорнэ щIыналъэм и МЧС-м и лэжьакIуэхэр, Пятигорск округым и члисэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Симанович Олег, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин, Пятигорск благочинием и щоджэнхэр.

Зэхыхьэм хэтхэм къыхагъэщащ Урыс Чристэн Члисэмрэ министерствэмрэ илъэс пщIы бжыгъэхэр хъуауэ зэрыздэлажьэр. Щоджэнхэмрэ МЧС-м и лэжьакIуэхэмрэ къэхъукъащIэхэм ехьэлIа гузэвэгъуэхэр къызэнэкIыным теухуауэ зэдолажьэ, гъащIэм, цIыхухэм зэран хуэхъу Iуэху мыщхьэпэхэр ягъэзэкIуэжу.

Апхуэдэу мыхьэнэ иIэщ щоджэнхэм, екIуэлIапIэм кIуэ цIыху жыджэрхэм, члисэхэмрэ къулъшырыфхэмрэ зи нэIэм щIэтхэм мафIэсгъэункIыфIым хащIыкIыным.

Зэхыхьэм къыщыхалъхьащ пастыр къулыкъу щащIэкIэ Пятигорск благочиниемрэ МЧС-мрэ зэдэлэжьэну. ЕкIуэлIапIэм мафIэсгъэункIыфIхэр езыр-езыру кърашэлIэну къыхалъхьащ.

 

719