ЗЭПСЭЛЪЭНЫГЪЭР ТРАУХУАЩ КАВКАЗЫР БИЙМ КЪЫЗЭРЫIЭЩIАХЫЖАМ

14.02.2025
Просмотры: 514

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 зэрырикъур щагъэлъапIэм Черкесск къалэм Члисэмрэ къэзакъыгъэмкIэ и Никольскэ соборым зыплъыхьакIуэ щрагъэкIуэкIащ. Черкесск къалэм и 9 «В», 6 «В» классхэм зыщыхагъэгъуэзащ Кавказыр бийм къызэрыIэщIахыжам (1942-1943 гг.).

 ЕджакIуэхэр тепсэлъыхьащ зэпэщIэтыныгъэм и щхьэусыгъуэхэм, зауэлIхэм я лIыгъэм, абы и мыхьэнэм. ЗэпэщIэтыныгъэм теухуауэ тхылъхэм къыщыхьа сурэтхэмкIэ сабийхэм я нэгу къыщIагъэхьащ зауэр зэрекIуэкIар.

Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм къащIащ партизанхэмрэ  Черкесск къалэм щыпсэухэмрэ фашистхэм Хэку зауэшхуэм хыхьэу зэрапэщIэтар, Черкесск къалэм щыIа сымаджэщым и лэжьыгъэхэр зыхуэдар. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм кърата медалхэмрэ орденхэмрэ гъэщIэгъуэн ящыхъуащ еджакIуэхэм.

Апхуэдэу хьэщIэхэм зыхагъэгъуэзащ «Специальная военная операция» гъэлъэгъуэныгъэм. Музейм защригъэплъыхьащ «Царьград» IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI Струговцев Денисрэ Никольскэ соборым и щоджэн Гурин Александррэ.

514