2025 гъэм мазаем и 9-м къалэм и Никольскэ члисэм щыIащ ведомствэм щымыщ охранэм Минераловодскэ округым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр. Члисэм абыхэм защригъэплъыхьащ щоджэн Огарев Евгений. Щоджэныр члисэм и тхыдэм, абы и щытыкIэм къытеувыIащ. ХьэщIэхэм зыхагъэгъуэзащ тхьэнапэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ, екIуэлIапIэм и гъащIэр зыхуэдам, уэзджынэ уапIэм дэкIуеящ. Евгений хьэщIэхэм я упщIэхэм жэуап иритащ.