2025 гъэм мазаем и 15-м Пятигорск епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин Пятигорск къалэм и администрацэм щэнхабзэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и Управленэм и лъэIукIэ къыщыпсэлъащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда зауэлIхэм ятеухуа пэкIум, Афган зауэм хыхьэу ди зауэлIхэр къызэрырашыжрэ илъэс 36-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
Ветеранхэр ягу къагъэкIыжыну зэхуэсащ хьэщIэ лъапIэхэр, Думэм и депутатхэр, къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, Пятигорск щыпсэухэр – зауэм хэтахэр, Украинэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыIахэр, Пятигорск къалэм и цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэр, хэкIуэда зауэлIхэм я унагъуэхэм щыщхэр, Пост №1-м и армеец ныбжьыщIэхэр.
Щоджэным зэхуэсахэм захуигъэзащ икIи зи Хэкумрэ фIэщхъуныгъэмрэ хуэпэжу хэкIуэда зауэлIхэм папщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. ПэкIур щекIуэкIащ «Чёрный тюльпан» фэеплъым деж, Лазаревск къалэм и скверым щыIэм.