«МАМЫРЫГЪЭМРЭ ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМРЭ Я СОВЕТ» ЗЭХЫХЬЭМ ЕДЖАКIУЭ 200-М ЩIИГЪУ ЗЭХУИШЭСАЩ

18.02.2025
Просмотры: 562

2025 гъэм мазаем и 14-м Боргустанскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «Совет мира и дружбы» зэIущIэр. Станицэм и курыт еджапIэм кIуэхэм яIущIащ Георгиевскэ члисэм и унафэщI щоджэн Поддубный Михаил, Боргустанскэ щIыналъэм щыпсэухэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Шевченкэ Александр, Предгорнэ округым и администрацэм и къудамэм и чэнджэщэгъу Клок Роман.

Щоджэныр сабийхэм яхутепсэлъыхьащ Сретения махуэшхуэм, Патриарх лъапIэм чристэн щIалэгъуалэм я махуэмкIэ зэразыхуигъазэ псалъэхэм къытеувыIащ, упщIэхэм жэуап иритащ. Сабийхэр яфIэгъэщIэгъуэну хэтащ зэпсэлъэныгъэм.

Зэхуэсым ныбжьыщIэ 200-м щIигъу хэтащ.

 

562