2025 гъэм мазаем и 17-м Железноводск къалэм и школ №3-м щекIуэкIащ гуфIэгъуэ зэхыхьэ, Хэкур хъумэным и махуэм ирихьэлIэу.
Абы хъуэхъу щыжаIащ Ольгинскэ члисэм и щоджэн Пимичев Димитрий, Хэкур хъумэнымкIэ Тхьэр къадэIэпыкъуну захуэзыгъэзар, дэтхэнэ зы зауэлIми дэнэ щыIэми зыщIигъэкъуэну.
Зэхыхьэ нэужьым щоджэныр чристэн гъащIэм и лъабжьэхэм яхутепсэлъыхьащ ебланэ классым щIэсхэм.