2025 гъэм мазаем и 23-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий и фэеплъ махуэм, пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щагъэлъэпIащ Порт-Артур къуажэм. Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрей тхьэлъэIу литургие иригъэкIуэкIащ щихъыр игъэлъэпIащ икIи ягу къигъэкIыжащ НэщI Иныр къызэрыблагъэр.
А махуэм зэгухьэныгъэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Пятигорск, Железноводск, ЕссэнтIыгу, Минводы, Греческэ къуажэм щыщу тхьэлъэIум зыкърезыгъэхьэлIахэм. Минводы къалэм и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн Чемодуров Кириллрэ Греческэ къуажэм и Георгиевскэ члисэм и унафэщI щоджэн Пронь Алексийрэ кIуащ махуэшхуэм щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм я гъусэу. ТхьэлъэIу нэужьым зэпсэлъэныгъэм щыпащащ шей ефэу.