ПАЩТЫХЬ ШЭНТИУЭ МАХУЭШХУЭМ ЩЫIУЩIАЩ ЕПАРХИЕМ И УНЭМ

25.02.2025
Просмотры: 668

2025 гъэм мазаем и 25-м, Тхьэм и Анэм и Иверскэ махуэшхуэр щагъэлъапIэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Иверскэ члисэм.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, къардэн Фещенкэ Иоанн, Мовчанов Иоанн. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэмрэ епархием и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ.

Литургие нэужьым Щихънагъым игъэлъэпIащ Тхьэм и Анэр икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Апхуэдэу архиепископ Феофилакт игъэлъэпIащ Пятигорск епархием и бухгалтер нэхъыщхьэ Чечинэ Иринэ.

668
Фотогалерея