ЩОДЖЭНЫМ КЪЫХУРИДЖАЩ ЗАУЭЛIХЭМ ПАПЩIЭ ТХЬЭ ЕЛЪЭIУНУ

26.02.2025
Просмотры: 577
Священник призвал молиться о воинах Священник призвал молиться о воинах

ЕссэнтIыгу къалэм и школ №9-м къыщызэIуахащ Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсыр. Махуэшхуэм хэтащ курыт еджапIэм и унафэщI Губинэ Людмилэ, къалэм и Троицкэ члисэм и унафэщI щоджэн Букарев Андрей, къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI нэхъыжь Кацаловэ Наталье.

Зэхуэсахэм защыхуигъазэм, щоджэн Букарев Андрей ягу къигъэкIыжащ Хэкум къулыкъу хуэщIэныр щIыхь зыпылъ къалэну къызэрекIуэкIыр. Щоджэным фIыщIэ яхуищIащ къэзакъхэм, волонтёрхэм, тылым и лэжьакIуэхэм, къэралым къулыкъу хуэзыщIэхэм икIи къыхуриджащ гуащIэу абыхэм Тхьэ яхуелъэIуну, зи къулыкъу зыгъэзащIэу Хэкур зыхъумэхэм къару къаритыну.

УнафэщIым иратащ фIыщIэ тхылъхэр икIи гугъэ ящIащ дяпэкIи дэлэжьэну зэрыщыгугъымкIэ.

 

577