ДНР-М КЪИКIЫУ ЩIЫНАЛЪЭ ЛЪАПIЭМ ТХЬЭ ЕЛЪЭIУНУ КЪЭКIУАХЭР СОБОРЫМ ЩЫIАЩ

27.02.2025
Просмотры: 468

2025 гъэм мазаем и 21-м Черкесск къалэм и Никольскэ соборым щыIащ Донецкэ цIыхубэ республикэм къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъъэIуну къэкIуахэр. ХьэщIэхэм яIущащ щоджэн Губин Александр. Абы соборым защригъэплъыхьащ, Члисэ тхыдэмрэ къэзакъхэмкIэ музейм щIэлъ хьэпшыпхэм иригъэплъащ, Къэрэшей-Шэрджэсым дзэ Iуэху хэхам хэта и лIыхъужьхэм яхутепсэлъыхьащ.

ХьэщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм чристэн диным ехьэлIа и тхыдэм, пасэрей члисэу Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэхэм, Черкесск къалэм и тхыдэр.

ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Тхьэ щелъэIуащ соборым игъэлъапIэ теплъэхэм деж, щоджэным упщIэхэр иратащ.

 

468