ЩОДЖЭНХЭР КИСЛОВОДСК И ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ ЯIУЩIАЩ

27.02.2025
Просмотры: 531

«Дружба» лъэпкъыбэ центрым щызэIущIащ щоджэнхэр, Кисловодск и лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм и щIалэгъуалэр. Зэхыхьэм хэтащ Кисловодск и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Грачёв Сергей, благочиннэм егъэджэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Лиманов Георгий, благочиннэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Тригуб Михаил, Никольскэ соборым и клирик щоджэн нэхъыжь Грамацкий Андрей, щоджэн Янковский Давид, кисловодск мэжджытым и имам Бердиев Мурат, Кисловодск и армян члисэм и унафэщI Тер-Саркис, лъэпкъ-щэнхабзэ автономиехэм я унафэщIхэр.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм я лъапIэныгъэхэм. Щоджэнхэм ягу къагъэкIыжащ лъэпкъ, дин зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэм я зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэн, лъапIэныгъэу ялъытэ пщIэм, шыIэм, захуагъэм, лъагъуныгъэм я мыхьэнэм. Щоджэн нэхъыжь Грамацкий Андрей къытеувыIащ цIыху акъылыфIэр псэущхьэм къызэрыщхьэщыкIыр гъунэгъум хуиIэ лъагъуныгъэр зэрыарар.

ЩIалэгъуалэм гукъыдэж ящIащ дяпэкIи зэхуэзэну, жылагъуэм я гъащIэм нэхъ жыджэру хэтыну Iэмал яIэн, щытыкIэ гугъу щихуэкIэ зэдэIэпыкъун хуэдэу, зыщыщ лъэпкъми зэрыт динми емылъытауэ.

ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ Кисловодск къалэм и «Иверия» лъэпкъ-щэнхабзэ автономием, Кисловодск и «Дружба» лъэпкъ центрым и гъусэу.

 

531