2025 гъэм мазаем и 25-м Москва и Синод хорым и концерт Налшык щекIуэкIащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Пузаков Алексей и пашэу, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Темыркъан Пётр зэригъакIуэ, КъБР-м и филармонием и симфоние оркестрым и гъусэу.
Оркестрыр 1943 гъэм къызэрагъэпэщащ оккупацэр зэфIэкIа нэужь. ИлъэситI и пэ илъэс 80 ирикъуащ ар. Аращ репертуарым апхуэдиз зауэ уэрэд щIыхэтри. Гупхэм репетицэ зэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIащ, екIуу зыкъагъэлъэгъуащ.
Москва и Синод хорым и гъусэу, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ «Подвиг ратный – подвиг духовный» международнэ фестивалыр, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ президент Фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.
Фестивалыр зауэлI щIыхьым и къалэхэм щрагъэкIуэкI илъэсищ хъуауэ. 2025 гъэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 щрикъум, Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсым ирихьэлIэу абы пащащ. Зы зауи тхьэлъэIуншэу къехъулIэркъым. ЗауэлIхэм цIыхубэр якъуэтщ, ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу зэрыщытым зэкъуигъэувауэ.
Концертым щызэхуэсащ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэхэр, члисэм екIуалIэхэр, светскэ цIыхухэр, духовнэ музыкэр фIыуэ зымыцIыхухэр. Щоджэнхэри абы кIуащ.
Москва и синод хорыр адэкIэ кIуащ международнэ фестивалым, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым гукъэкIыж гуапэхэр къыщигъанэу.